Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Сыт хуэдэ тхьэлъэІухэра Алыхьым жэуап зритыр?

Сыт хуэдэ тхьэлъэІухэра Алыхьым жэуап зритыр?

Алыхь Иеговэщ «тхьэлъэІухэм едаІуэр» (Псалом 65:2). Дэнэ дыщымыІами, сыт хуэдэ зэманми, макъкІи, дигукІи Алыхьым депсалъэ хъунущ. Иеговэ хуейщ дэ абы АдэкІэ деджэну, икІи ар пэж дыдэу адэу щыІэм я нэхъыфІщ (Маттэ 6:9). БиблиемкІэ Иеговэ къыдгурегъаІуэ жэуап къыдитын щхьэкІэ дызэрелъэІун хуей щІыкІэр.

ХЬИСЭ МЭССИХЬ И ЦІЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ТХЬЭЛЪЭІУКІЭ ЗЫХУЭГЪАЗЭ

«Адэ лъапІэм сэ си цІэкІэ сыт ищІыскІэ фелъэІуми, ар къыфхуищІэнущ» (Иуан 16:23).

Хьисэ и псалъэхэм къыдгурагъаІуэ: Иеговэ хуейщ абы фІэкІа нэгъуэщІым зыми тхьэлъэІукІэ зыхуэдмыгъэзэну. Тхьэнапэхэм, цІыхухэм, мелыІычхэм е лІахэм уелъэІуныр къезэгъкъым. Алыхьым дыщелъэІукІэ Хьисэ Мэссихь и цІэкІэ зыхуэдгъэзэн хуейщ. АбыкІэ дэ къыдогъэлъагъуэ Алыхьыр ди тхьэлъэІухэм едэІуэн папщІэ Хьисэ Мэссихь мыхьэнэшхуэ зиІэ къалэн зэригъэзэщІар къызэрыдгурыІуэр. Езы Хьисэ жиІащ: «Си гъуэгу иримыкІуэмэ, Адэ лъапІэм деж зы цІыхуи кІуэн лъэкІынукъым» (Иуан 14:6).

УИ ГУМ КЪЫБГЪЭДЭКІЫУ ПСАЛЪЭ

«Абы и пащхьэ фи гум илъ псори къыщыфІуатэ» (Псалом 62:8).

ТхьэлъэІур быныр лъагъуныгъэ зыхэлъ адэм зэрепсалъэм ещхьу щытын хуейщ. ТхьэлъэІур гукІэ зэбгъащІэ е абы тхылъым иту укъеджэ хъунукъым. Уи гум илъыр Иеговэ хуэпІуэтэн хуейуэ аращ икІи уи псалъэхэм Алыхьым пщІэ зэрыхуэпщІыр къыхэщын хуейщ.

УИ ТХЬЭЛЪЭІУР АЛЫХЬЫМ И МУРАДЫМ ТЕХУЭУ ЩЫТЫН ХУЕЙЩ

«Тхьэр зэрыхуейм тету Іуэхугъуэ гуэркІэ делъэІумэ, дызэрызэхихынур дощІэ» (1 Иуан 5:14).

Библием дэ къыщыдощІэ Алыхь Иеговэ дэ къытхуищІэну фІыгъуэхэмрэ абы къытхуигъэувымрэ теухуауэ. Иеговэ дызэхихын щхьэкІэ ди тхьэлъэІухэр абы и мурадым техуэу щытын хуейщ. Алыхьымрэ абы и мурадымрэ теухуауэ нэхъыбэ къэтщІэн щхьэкІэ Библиер куууэ дджын хуейщ. Абы щыгъуэ ди тхьэлъэІухэм Алыхьыр щыгуфІыкІынущ.

ДИ ТХЬЭЛЪЭІУХЭМ СЫТ ХЭДГЪЭХЬЭ ХЪУНУР?

Узыхуэныкъуэм теухуауэ елъэІу. Тшхыным, щыттІэгъэным икІи дыщыпсэун унэм теухуауэ Алыхьым делъэІу хъунущ. Унафэ пэж тщІын щхьэкІэ Іущагърэ икІи гъэунэхуапІэхэм дызэрыпэлъэщын къарурэ Алыхьым къыдитыну делъэІуныр тэмэмщ. Абы нэмыщІ Алыхьым фІэщхъуныгъэ къыдитыну, ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну икІи къыддэІэпыкъуну делъэІу хъунущ (Лука 11:3, 4, 13; Екъуб 1:5, 17).

НэгъуэщІхэм хуелъэІу. Адэ-анэфІым ягу ирохь я сабийхэр щызэкъуэтым деж. Абы ещхьу, Иеговэ игу ирохь дэ, абы и сабийхэр, зыр зым гуапэу дыщыхущытым деж. Аращи, ди щхьэгъусэм, ди благъэхэм, ди сабийхэм икІи ди ныбжьэгъухэм щхьэкІэ Алыхьым делъэІу хъунущ. «Зыр адрейм папщІэ Тхьэм фелъэІу»,— жеІэ Библием (Екъуб 5:16).

Алыхьым фІыщІэ хуэщІ. Библием зэрыжиІэмкІэ, Алыхьым уафэм къикІыу уэшх къытхуригъэшхыу, игъуэм гъавэр къытхуигъэкІыу, шхын дыхуимыгъэныкъуэу, дигъэгуфІэу, фІыгъуэшхуэхэр къытхуищІэу щытщ (Апостолхэм 14:17). А псом гу щылъыттэм деж, Алыхьым фІыщІэ хуэтщІыну гукъыдэж диІэу дохъу. Алыхьым и хабзэхэм дызэрытетымкІи абы фІыщІэ зэрыхуэтщІыр къыдогъэлъагъуэ (Колоссэ 3:15).

ШЫІЭНЫГЪЭ ЗЫХЭГЪЭЛЪ ИКІИ АДЭКІЭ АЛЫХЬЫМ ТХЬЭЛЪЭІУКІЭ ЗЫХУЭГЪАЗЭ

Гум къыбгъэдэкІыу жыпІа тхьэлъэІухэм я жэуапыр занщІэу къыпІэрымыхьэмэ, умыгузавэ. Алыхьым уи тхьэлъэІухэм гулъытэ хуимыщІу къигъанэрэ? ДауикІ, къигъанэкъым! КъыкІэлъыкІуэ щапхъэхэм дагъэлъэгъунущ иныкъуэм деж ди Іэр едмыхьэхыу тхьэлъэІухэр жытІэн зэрыхуейр.

ИпэкІэ зи гугъу тщІа Стив Библиер джын щІидза нэужь къищІащ зэпымыууэ Алыхьым лъэІукІэ зихуигъэзэн зэрыхуейр. Абы жеІэж: «ТхьэлъэІухэр мыхъуатэмэ, куэд щІат си Іэр зэресхьэхрэ икІи гузэрыдзэ зэрысщІрэ. Сэ Алыхьым фІыщІэ хузощІ си ныбжьэгъухэр къызэрыздэІэпыкъум щхьэкІэ. Иджыпсту хуэдэу насыпыфІэу сэ зэи сыщытакъым».

Иджы Дженни жиІэм деплъынщ. Абы къимылэжьу къыщыхъут и тхьэлъэІухэм Алыхьыр къедэІуэну. Дженни жеІэж: «Си Іуэхур щыІей дыдэм деж Алыхьым зыхуэзгъазэти селъэІут къызгуригъэІуэну апхуэдизу мыхьэнэншэу зыщІэзбжыжым и щхьэусыгъуэр». Дженни и тхьэлъэІухэм зыгуэр къыпэкІуа? Абы жеІэж: «ТхьэлъэІухэр сэ къыздэІэпыкъуащ Алыхьым и нэкІэ сызэплъыжыну. Си гум сигъэкъуаншэмэ, абы къикІкъым Алыхьми сигъэкъуаншэу. Ар сэ къызгурыІуащ. ТхьэлъэІухэр къыздэІэпыкъуащ сэ си Іэр езмыхьэхыу адэкІи гупсысэ Іейхэм себэныну». Дженни дауэ ар къызэрыдэІэпыкъуар? Ар къыддогуашэ: «ТхьэлъэІухэм я фІыгъэкІэ сэ къызгурыІуащ Иеговэ Алыхь пэжу зэрыщытыр, абы фІыуэ сыкъызэрилъагъур икІи ар къызэрысхуэсакъыр. Иеговэ — си Адэщ икІи си Ныбжьэгъущ. Сэ абы и жыІэм сыщІэт къудеймэ, ар хьэзырщ занщІэу къыздэІэпыкъуну».

Жерард зэрыныкъуэдыкъуэм емылъытауэ, зэрынасыпыфІэр икІи гъащІэм зэрыщыгуфІыкІыр щилъагъум деж, Изабель жеІэ: «Алыхьым си тхьэлъэІум жэуапыфІ къритащ»

Изабель и гъащІэм къыщыхъуам деплъынщ. Ар лъэщыджэ щыхъуам, дохутырхэм къыжраІащ сабийр дагъуэ иІэу дунейм къызэрытехьэнур. Изабель ар щызэхихам и лъэр щІэхуащ. Языныкъуэхэм абы и сабийр иригъэкъутэжмэ нэхъыфІу жаІэт. Изабель жеІэж: «Апхуэдизыр си гум хуэмышэчыну къысщыхъут». Сыт абы ищІар? «Сэ дэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ Алыхьым селъэІут, селъэІут икІи си тхьэлъэІухэр зэпыутэкъым»,— игу къегъэкІыж абы. Изабель къилъхуа щІалэ цІыкІум Жерард фІащащ. Сабийр ныкъуэдыкъуэу къыщІэкІащ. Изабель и тхьэлъэІухэм Алыхьым жэуап къритауэ ибжрэ? Ебж! Абы жеІэ: «Иджыпсту си къуэр илъэс 14 мэхъу. Ар зэрыныкъуэдыкъуэм емылъытауэ, гъащІэм гуфІэгъуэ хихыу мэпсэу — ар си тхьэлъэІухэм я жэуапщ. Иеговэ къысхуищІа тыгъэхэм щыщу ар нэхъ лъапІэ дыдэщ».

Апхуэдэ хъыбархэм Псаломыр зытхам и псалъэхэр дигу къагъэкІыж: «Уэ Иеговэ, Іэдэбхэм я гухэлъхэр уэ зэхэпхынущ, абыхэм я гур бгъэхьэзырынущ, уэ гу лъыптэнущ икІи зэхэпхынущ» (Псалом 10:17). Зэпымыууэ адэкІи Алыхьым делъэІуну щхьэусыгъуэ куэд диІэщ!

Библием Хьисэ Мэссихь и тхьэлъэІу куэд итщ. Абы и зы тхьэлъэІур дуней псом щацІыху. Сыт а тхьэлъэІум дызыхуригъасэр?