Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

2-НЭ ІЫХЬЭР

Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ пэжагъкІэ фызэбгъэдэт

Уи щхьэгъусэмрэ уэрэ пэжагъкІэ фызэбгъэдэт

«Тхьэм гъусэ зэхуищІа цІыхуитІыр цІыхум зэбгъэдигъэкІыж хъунукъым» (Марк 10:9).

Иеговэ хуейщ дэ сыт щыгъуи пэжагъ тхэлъыну (Псалом 18:25). Зэщхьэгъусэхэм а хьэл-щэныр ягъэлъэгъуэным мыхьэнэшхуэ иІэщ, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ пэжагъ зи зэхуаку дэмылъым дзыхь зэхуащІкъым. Дзыхь здэщымыІэми, лъагъуныгъэр щоужьыхыж.

Ди зэманым цІыху куэдым къалъытэкъым я нэчыхьыр къабзэу яхъумэн хуейуэ. Абы къыхэкІкІэ уи нэчыхьыр пхъумэну ухуеймэ, къыкІэлъыкІуэ чэнджэщитІым утетын хуейщ.

1 УИ НЭЧЫХЬЫР ЯПЭ ИГЪЭЩ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: Библием «псом нэхърэ нэхъапэр сытми» зэхэдгъэкІыну дыкъыхуреджэ (Филиппи 1:10, ДЩІ). Нэчыхьыр гъащІэм мыхьэнэшхуэ щызиІэ Іуэхухэм ящыщ зыщ. Аращи, абы гулъытэшхуэ хуэщІын хуейщ.

Иеговэ хуейщ зэщхьэгъусэхэм зым Іэпыхур зым къищтэжу, зэгурыІуэу зэдэпсэуну икІи я гъащІэм гуфІэгъуэ хахыну (Экклезиаст 9:9). Алыхьым къыдгурегъаІуэ зэщхьэгъусэхэм зым адрейм зэман тригъэкІуэдэн икІи зым адрейм и гуапэ зэрищІыным хущІэкъун зэрыхуейр (1 Коринф 10:24). Уи щхьэгъусэр лъапІэу зэрыплъытэр, абы узэрыхуэныкъуэр зыхищІэн щхьэкІэ къарууэ уиІэр ехьэлІэ.

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Фи Іуэхухэр псори евгъэтІылъэкІыурэ, уи щхьэгъусэмрэ уэрэ зэман зэхухэфх, гулъытэншэу къэбгъэнауэ уи щхьэгъусэм къыщымыхъун щхьэкІэ.

  • «Сэ» жывмыІэу, «дэ» жыфІэу зевгъасэ

2 УИ ГУР ХЪУМЭ

БИБЛИЕМ ЖИІЭР: «ЦІыхубз гуэрым хъуэпсэнэгуу еплъ дэтхэнэми игукІэ зинэ ищІакІэщ» (Маттэ 5:28). Гупсысэ мыхъумыщІэхэр зи гум щызыгъафІэ цІыхур и щхьэгъусэм епцІыжауэ жыпІэ хъунущ.

Иеговэ дыкъыхуреджэ: «Псом япэ уигу щыхъу-щыщІэхэм хуэсакъ» (Притчи 4:23, Гъэсэпэтхыдэхэр; Иеремия 17:9). Абы щхьэкІэ дызэплъым теухуауэ дызыкІэлъыплъыжын хуейщ (Маттэ 5:29, 30). Бегъымбар Іэиуб абыкІэ щапхъэфІ къытхуигъэнащ — абы и щхьэгъусэм нэмыщІ нэгъуэщІ зыгуэрым хъуэпсэнэгуу емыплъын щхьэкІэ, «и нэхэм зэгурыІуэныгъэ» ирищІылІат (Иов 31:1). Порнографие уемыплъыну мурад быдэ щІы. Уи гур уи щхьэгъусэу щымытым кІэрыпщІэну хуит умыщІ.

ЧЭНДЖЭЩЫФІХЭР:

  • Уигу псомкІи уи щхьэгъусэм узэрыхуэпэжыр адрейхэм наІуэ ящыщІ

  • Уи щхьэгъусэм и гурыщІэхэм егупсыс. НэгъуэщІ гуэрым гулъытэ къемызэгъ хуэпщІу уи щхьэгъусэм илъытэмэ, апхуэдэ зэхущытыкІэр занщІэу къэгъанэ