Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ХабзэфІхэр компасым ещхьщ — ахэр сабийм къыдоІэпыкъу гъуэгу захуэм темыкІыну

АДЭ-АНЭХЭМ ПАПЩІЭ

7 Узытетын хуей хабзэхэр

7 Узытетын хуей хабзэхэр

СЫТ АБЫ КЪИКІЫР?

Уэ унафэ пщІын хуейщ сыт хуэдэ хабзэхэм тету фи унагъуэр псэунуми. Псалъэм папщІэ, сыт и лъэныкъуэкІи цІыху пэжу ущытыну мурад пщІамэ, уэ абы уи сабийхэри хуебгъэсэну къыщІэкІынущ.

ХабзэфІхэм хохьэ щытыкІэфІыр. Псалъэм папщІэ, апхуэдэ цІыхум лэжьэну ифІэфІщ, ар захуагъэм тетщ икІи адрейхэм ядэІэпыкъуну абы и гуапэщ. Мы хьэл-щэнхэр цІыхум и щІалэгъуэм зыхилъхьэну нэхъ тыншщ.

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Сабийр гъуэгу захуэм хуэущии, и жьыщхьи ар абы текІынкъым» (Притчи 22:6, Гъэсэпэтхыдэхэр).

АБЫ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР

Нобэ, технологиехэм хуабжьу зыщаужь зэманым, мыхьэнэшхуэ иІэщ хабзэфІхэм утетыным. Карен къыддогуашэ: «Ди зэманым телефон нэгъуни зэранышхуэ къахьыфынущ. Сабийр къыббгъэдэсу телефонкІэ зэплъыр щыплъагъум деж, уи щхьэфэцым зеІэт!»

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Зи ныбжь нэсахэм... фІымрэ емрэ ягукІэ зэхагъэкІыфу еса хъуурэ, ар хьэл-щэн яхуэхъуащ» (Еврейхэм 5:14).

ЦІыху щэныфІэу щыт. «Упсэу», «кхъыІэ» псалъэхэр жыпІэну зыщумыгъэгъупщэ икІи адрейхэм уазэрыдэІэпыкъуным хущІэкъу. Нобэ псори электроннэ Іэмэпсымэхэм къимыкІыу исщи, цІыху щэныфІэхэр мащІэ хъуащ.

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «ЦІыхухэр фэ къыфхущытыну фызэрыхуейм хуэдэу, фэри абыхэм фахущыт» (Лука 6:31).

СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

Уэ узытет хабзэфІхэр уи сабийми бгъэдэлъхьэ. Псалъэм папщІэ, нэчыхьыншэу зыгуэрым уригъусэныр тэмэмкъым. Ар адэ-анэхэм я бын ныбжьыщІэхэм къыгурагъэІуэфу щытмэ, абыхэм а гуэныхьыр ящІэну къыщІэкІынукъым.

ЧЭНДЖЭЩ. Дунейм къыщекІуэкІыр къэгъэсэбэп, уи быным хабзэфІхэм теухуауэ уепсэлъэн щхьэкІэ. Псалъэм папщІэ, хъыбарыщІэхэм щІэпхъаджагъэ гуэрым теухуауэ къатамэ, уи сабийм мыпхуэдэу жепІэ хъунущ: «ЦІыхухэр сыту гущІэгъуншэ хъуа. Дауэ уеплърэ, сыт абы и щхьэусыгъуэр?»

«Сабийм и дежкІэ гугъущ Іеймрэ фІымрэ езым зэхигъэкІыну, зыгуэрым ар абы хуримыгъэсамэ» (Брэндон).

Сабийр щэныфІэу щытыну гъасэ. Сабий цІыкІу нэгъунэхэми «упсэу», «кхъыІэ» псалъэхэр жаІэу икІи адрейхэм пщІэ хуащІу зрагъэсэфынущ. «Родители без границ» жыхуиІэ тхылъым итщ: «...Унагъуэм, къыдеджэхэм е топ къыдэджэгухэм зэрыщыщыр сабийм къыщыгурыІуэм деж, адрейхэм ядэІэпыкъуну икІи ахэр зыхуэныкъуэм егупсысыну абы гукъыдэж нэхъ иІэщ».

ЧЭНДЖЭЩ. Сабийм унагъуэ Іуэхухэм щыщ егъащІэ. Абы и фІыгъэкІэ абы къыгурыІуэнущ нэгъуэщІхэм уадэІэпыкъуным мыхьэнэшхуэ зэриІэр.

«Сабийм унагъуэ Іуэхухэм щыщ игъэзащІэмэ, балигъ хъуа нэужьи ар абы къыхуэсэбэпыжынущ» (Тара).