Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Уи адэ-анэм дзыхь къызэрыпхуащІыр кредитым ебгъэщхь хъунущ: нэхъ жыІэдаІуэу ущытыху, хуитыныгъэ нэхъыбэ къыуатынущ

ЩІАЛЭГЪУАЛЭМ ПАПЩІЭ

10 Узыщыгугъ хъуну цІыхуу щыт

10 Узыщыгугъ хъуну цІыхуу щыт

СЫТ АБЫ КЪИКІЫР?

Уи адэ-анэм, уи ныбжьэгъухэм икІи узыгъэлажьэм дзыхь къыпхуащІу щытын хуейщ. Унафэ пщІахэм быдэу тет, уи псалъэр Іыгъыж икІи сыт щыгъуи пэжыр жыІэ.

АБЫ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР

Уэ зыкъызэрыбгъэлъагъуэм елъытащ дапхуэдиз хуитыныгъэ къыуатынуми.

«Уи адэ-анэм дзыхь къыпхуащІыну ухуеймэ, ахэр ущигъусэм дежи, ущимыгъусэм дежи жэуап зыхьыжыф цІыху балигъыу ущытын хуейщ» (Сарахи).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Зывгъэунэхуж» (2 Коринф 13:5).

СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

Хуитыныгъэ нэхъыбэ къыуатыну ухуеймэ е япэм хуэдэу дзыхь къыпхуащІу ухъуну ухуеймэ, мы чэнджэщхэр къэгъэсэбэп.

ЦІыху пэжу щыт. ПцІы бупсмэ, дзыхь къыпхуащІыжынукъым. Ауэ цІыху пэжу ущытмэ икІи уи щыуагъэхэмкІэ зыбумысыжмэ, цІыхухэм дзыхь къыпхуащІынущ.

«Псори щытэмэмым деж цІыху пэжу ущытыну тыншщ. Ауэ фэ Іей къыптезыгъауэ щыуагъэхэмкІэ зыбумысыжмэ, цІыхухэм нэхъыбэжу дзыхь къыпхуащІынущ» (Кайман).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Іуэху псомкІи щыпкъагъэ дигу илъу дыпсэуну дыхуейщ» (Еврейхэм 13:18).

Жэуап зыхьыжыф цІыхуу щыт. США-м щрагъэкІуэкІа къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкІэ, опыт зимыІэ цІыхур лэжьапІэ нэхъ тыншу къащтэнущ, ар жэуап зыхьыжыф цІыхуу щытмэ. Абы зыхуебгъасэмэ, балигъ ухъуа нэужьи ар къыпщхьэпэжынущ.

«Унагъуэм щызиІэ къалэнхэр жыІэдаІуэу, зыми сигу къимыгъэкІыжу щызгъэзащІэм деж, си адэ-анэм ар ягу ирохь. Нэхъ жыІэдаІуэу сыщытыху, нэхъыбэу дзыхь къысхуащІ» (Сара).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «СынызэролъэІум нэхърэ нэхъыбэ зэрыпщІэнури сощІэ» (Филимон 21).

ШыІэныгъэ зыхэгъэлъ. Уэ ин узэрыхъуам занщІэу псоми гу лъатэнущ. Ауэ жэуап зыхьыжыф цІыху балигъ узэрыхъуам гу лъатэн щхьэкІэ зэман хуейщ.

«Зэгуэр пщІа зы ІуэхуфІ закъуэм щхьэкІэ уи адэ-анэми адрейхэми дзыхь къыпхуащІу хъунукъым. Дзыхь къыпхуащІыну къызэрыблэжьыр махуэ къэс пщІэ Іуэхухэм къагъэлъэгъуэу щытын хуейщ» (Брэндон).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «ШыІэныгъэр фи гум ивгъэлъ» (Колоссэ 3:12).