Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Зэщхьэгъусэхэр кхъухьлъатэзехуитІым хуэдэу фІыуэ зэдэлэжьэн хуейщ

ЗЭЩХЬЭГЪУСЭХЭМ ПАПЩІЭ

2 Узэдэлэжьэныр

2 Узэдэлэжьэныр

СЫТ АБЫ КЪИКІЫР?

Зэщхьэгъусэхэр кхъухьлъатэзехуитІым хуэдэу фІыуэ зэдэлэжьэн хуейщ. Гугъуехь гуэрхэр къыкъуэкІмэ, зэщхьэгъусэхэр зэкъуэту абыхэм пэщІэувэмэ нэхъыфІщ.

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Ахэр зыпкъщ, пкъитІ хъужыркъым» (Маттэ 19:6).

«Унагъуэм насып илъынрэ имылъынрэ зэлъытар зы цІыхуракъым, атІэ зэщхьэгъуситІми ар елъытащ» (Кристофер).

АБЫ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР

Зэщхьэгъусэхэр щызэгурымыІуэм деж, гугъуехь къызэрыкъуэкІыу, зым адрейр игъэкъуаншэу щІедзэ. Гугъуехьым зэгъусэу пэщІэтыным ипІэкІэ, Іуэхур нэхъ куу ящІурэ макІуэ.

«Зэкъуэтыныгъэ я зэхуаку зэрыдэлъыр зэщхьэгъусэхэм Іэмал имыІэу зыхащІэн хуейщ. Зэкъуэтыныгъэ я зэхуаку дэмылъмэ, ахэр зы унагъуэм ещхькъым, атІэ зэщхьыр зэгъунэгъухэращ: зэгъусэу мэпсэу, ауэ гугъуехь щыщыІэм деж, щхьэж и щхьэ Іуэху зэрехуэж» (Александра).

СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

ЗЭУПЩІЫЖ

  • Къэзлэжь ахъшэр сэ езым сысейуэ слъытэрэ?

  • ФІыуэ зызгъэпсэхуну сыщыхуейм деж, си щхьэгъусэр симыгъусэмэ нэхъ къасщтэрэ?

  • Си щхьэгъусэмрэ абы и Іыхьлыхэмрэ я зэхуаку зэхущытыкІэфІ дэлъми, сэ абыхэм (Іыхьлыхэм) си щІыб яхуэзмыгъазэу пІэрэ?

ЗЭГЪУСЭУ ФЕГУПСЫС

  • Сыт хуэдэ Іуэхухэра дэ зэкъуэту тхуэщІэр?

  • Сыт хуэдэ Іуэхухэра дэ зэкъуэту тхуэмыщІэр?

  • Сыт нэхъ зэкъуэт дызыщІыфынур?

ЧЭНДЖЭЩХЭР

  • Теннис щыджэгукІэ цІыхуитІ зэрызэпэщІэтым хуэдэу фызэпэщІэт нэхърэ, зы лъэныкъуэм зэгъусэу «фыщыджэгумэ» нэхъыфІщ.

  • «Дауэ сытекІуа хъуну?» жыпІэ нэхърэ, «Дауэ дытекІуа хъуну?» жыпІэмэ нэхъыфІщ.

«Хэт захуэми, хэт къуаншэми зэи зэхэвмыгъэкІ. Фи унагъуэм гупсэхугъуэрэ мамырыгъэрэ илъыныр куэдкІэ нэхъапэщ» (Итан).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Езым и щхьэм и Іуэху закъуэм иремыплъ хэти, нэгъуэщІ цІыхухэм я Іуэхуми ирыреплъ» (Филиппи 2:3, 4).